- тэджын
- (мэтэдж) неперех. гл. 1. встать, подняться (на ноги)/ КъызэфIэувэн, щыс, щылъ зыгуэр лъакъуэкIэ къэувын.Сымаджэр тэджын.2. переносное подняться (о тесте); вспучиться/ ЗыкъиIэтын (пщагъэ, хупцIынэ с. ху. ). ХупцIынэр тэджащ.3. переносное подняться на что-л. (напр. на борьбу)/ ЗыкъэIэтын (зэуэну).* Къэрэхьэлъкъыр зэрощIэ, Гуахъуэ Iэщэу мэтэджхэ. П. Б.{И} щхьэфэцыр тэджын см. щхьэфэц.И щхъуэцыр тэджын см. щхъуэц.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.